Магамет Дзыбов - Адыгэлl




Подписаться

Магамет Дзыбов - Адыгэлl
Текст Песни:



Псалъэ гуапэу псэм къыришажьэри, уей
Си ныбжьэгъухэм сэ нывжесlэну сыхуейт
Ди нахъыжьхэм хабзэу дэ къытхуагъэнащ
Адыгэлlыр сыт щыгъуи псалъэм тетащ

Ди нахъыжьхэм хабзэу дэ къытхуагъэнащ
Адыгэлlыр сыт щыгъуи псалъэм тетащ

Адыгэлl, уэ зей зомыгъэлl
Уи лъэпкъыжьым и хабзэр уэ уи псэм хэгъэлъ
Сы адыгэщ жызыlэу утыкум ихьар
И пщlэр лъагэу абы къикlыжащ.

Адыгэлl, уэ зей зомыгъэлl
Уи лъэпкъыжьым и хабзэр уэ уи псэм хэгъэлъ
Сы адыгэщ жызыlэу утыкум ихьар
И пщlэр лъагэу абы къикlыжащ.

Шым ушэсмэ, уи адэм и псалъэр къэщlэж
Уиш къэбгъанэу зауэм ухэмыкlыж
Къуэши шыпхъуи шыр щlыхагъуувэр аращ
Уи шыр пхъумэм,

Лъэпкъым и напэр пхъумащ.
Къуэши шыпхъуи шыр щlыхагъуувэр аращ
Уи шыр пхъумэм,
Лъэпкъым и напэр пхъумащ.

Адыгэлl, уэ зей зомыгъэлl
Уи лъэпкъыжьым и хабзэр уэ уи псэм хэгъэлъ
Сы адыгэщ жызыlэу утыкум ихьар
И пщlэр лъагэу абы къикlыжащ.

Адыгэлl, уэ зей зомыгъэлl
Уи лъэпкъыжьым и хабзэр уэ уи псэм хэгъэлъ
Сы адыгэщ жызыlэу утыкум ихьар
И пщlэр лъагэу абы къикlыжащ.

Лlыгъэу уиlэр гыбзэм и тету щыгъэт
Лъэпкъ дамыгъэр уэ уи блэк1ам и щыхьэтщ
Хабзэу зетхьэр нахъыжьхэм
Ди деж къагъэсащ

Ар щlэблэщlэм хэтлъхьэну
Дэ ди къалэныр аращ.
Хабзэу зетхьэр нахъыжьхэм
Ди деж къагъэсащ

Ар щlэблэщlэм хэтлъхьэну
Дэ ди къалэныр аращ.

Адыгэлl, уэ зей зомыгъэлl
Уи лъэпкъыжьым и хабзэр уэ уи псэм хэгъэлъ
Сы адыгэщ жызыlэу утыкум ихьар
И пщlэр лъагэу абы къикlыжащ.

Адыгэлl, уэ зей зомыгъэлl
Уи лъэпкъыжьым и хабзэр уэ уи псэм хэгъэлъ
Сы адыгэщ жызыlэу утыкум ихьар
И пщlэр лъагэу абы къикlыжащ.

Адыгэлl, уэ зей зомыгъэлl
Уи лъэпкъыжьым и хабзэр уэ уи псэм хэгъэлъ
Сы адыгэщ жызыlэу утыкум ихьар
И пщlэр лъагэу абы къикlыжащ.

Адыгэлl, уэ зей зомыгъэлl
Уи лъэпкъыжьым и хабзэр уэ уи псэм хэгъэлъ
Сы адыгэщ жызыlэу утыкум ихьар
И пщlэр лъагэу абы къикlыжащ.



Магамет Дзыбов - Адыгэлl Текст Песни

Текст Песни Адыгэлl

Тексты Песен Магамет Дзыбов

Похожие Тексты